Слова песни исполнителя Азамат Биштов. Читайте текст онлайн с любого устройства — легко и удобно!
Азамат Биштов - Си дахэкIей, текст песни
Текст песни
Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи мафlэм сэ сесыр
Согъыри -- соукlытэ, сымыгъщи -- сызэгуоуд
Мы дунеижьышхуэм жагъуэгъу щызикуэдщ,
Си дахэкIей, еу мыгъуэ, сыунэхъужа мыгъуи сэ
Си шыгъуэжь цlыкlури кlэбдзкlэрэ согъатхъуэр,
Уи лъагъуныгъэми сэ сигъэтхъуа мыгъуи сэ
Жагъуэгъу зимащlэм сыту и насып!
Си дахэкlей, си гущхьэр къытебэга мыгъуи сэ
Мо ди lуащхьэжьыми дыгъэр кlэредзэри,
Сигу укъыщридзэкlэ, мафlэр къысщlонэ мыгъуэ сэ
Лъагъуныгъэ мафlэр сыту къарууфlэ,
Си дахэкIей, яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуи сэ
Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщlоджэгури,
Джэгум укъыхэхьамэ мы си гур схуэмыубыдыж
Лъагъуныгъэ щэхур нахуэ къысфlэхъунущ,
Си дахэкlей, ей мыгъуэ, схуэмышэчыжыну мыгъуэ сэ
Гъатхэм и дахагъэм цlыхупсэр дехьэхыр,
Сэ си псэр дэзхьэхар жагъуэгъум сфlагъэкlуэдай
Сызэгуэмыудыпэу зэ сыныпlуплъэжтэм,
Си дахэкlей, дуней кlыфlыр нэху къысщыхъуну мыгъуэт сэ

- Исполнители: Азамат Биштов
- Просмотров: 153
Комментарии (0)
Если вдруг заметили опечатку, или просто хотите подправить что-то, не стесняйтесь и пишите в комментариях. Мы все тут за безупречный текст!
Тексты песен